Балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ комиссэм хэтащ щоджэнхэр

01.12.2017
Просмотры: 2713

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м Псыхуабэ епархием и Ипщэ Къэрэшей- Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений хэтащ Зеленчукскэ муниципальнэ районым балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и комиссэм и лэжьыгъэм. Лэжьыгъэм хыхьэу комиссэм хэтхэр хэплъащ административнэ хабзэхэр къыщызэпауда Iуэхугъуэхэм, адэ- анэхэм я бынхэм я гъэсэныгъэм ехьэлIа къалэнхэр щамыгъэзащIэхэр хыхьэу, балигъ мыхъуахэм тутынхэр щащэ, адэ-анэхэм я бынхэр зыхуей щыхуамыгъазэхэр.
А махуэм Черкесск щекIуэкIа апхуэдэ комиссэм хэтащ телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Иманов Алексей. ЕгъэджакIуэхэр, психологхэр, юристхэр, хабзэхъумэ органхэм я лIыкIуэхэр, ветеранхэр, къалэм дэс нэхъыжьхэр зэгъусэу Iуэхугъуэхэм хэплъащ, балигъ мыхъуахэм я хуитыныгъэхэр къызэпамыудыным ехьэлIахэр. ЗэIущIэм комиссэр щыхэплъащ Iуэхугъуэ 30-м щIигъум.

2713
Фотогалерея