Къэзакъхэр къулыкъущIэхэм я гъусэу тепсэлъыхьащ Iуэху зэIумыбзхэм

01.12.2017
Просмотры: 2381

Прохладнэ къалэм (КъБР) атаманхэм я Совет щекIуэкIащ. Абы хыхьэу Тэрч къэзакъыдзэм и Тэрч-Малкэ округым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр IущIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэралкIуэцIыдзэмкIэ и Управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Прохладнэ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь, Прохладнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Журавлев Андрей, май район администрацэм и Iэтащхьэ Евтушенкэ Сергей.
Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я экономикэ базэ къызэрагъэпэщыным. Тэрч-Малкэ ТКВ-м и къэзакъхэм щIы хухэхыным теухуа упщIэр иджыпсту нэхъыщхьэу къалъытэхэм ящыщщ. НэгъуэщI Iуэху зэIумыбзхэми къытеувыIащ, къэзакъхэр дзэм зэрыраджэр. КъулыкъущIэхэр къэзакъхэм едаIуэри къыхураджащ Iуэху зэIумыбзхэм я хэкIыпIэхэр зэгъусэу къагъуэтыну. ЗэIущIэм хэтащ Налшык члисэ округым и благочиннэм къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Арманов Николай.

2381