ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр къулъшырыфми щыIащ

30.11.2017
Просмотры: 2523

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м, щихъхэу Гурия, Самон, Авивэ сымэ я фэеплъ  махуэм, ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэм екIуалIэхэр, унафэщI щоджэн Гриценкэ Виталий я пашэу, Свято-Михайловскэ- Афонскэ Закубанскэ пшахъуэщIым щыIащ. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм хэтащ, Гурия, Самон, Авивэ сымэ я щIыхькIэ Хамышки къуажэм къыщызэрагъэпэщам.
ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ къулъшырыфым и унафэщI игумен Герасим (Буняев) Мейкъуапэ епархием и щоджэнхэр щIыгъуу. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ. Игуменым къыхилъхьащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм ирихьэлIэу члисэм кIуэныр, хьэщIэхэр гуфIэгъуэм хэтыну гъэ къакIуи иригъэблагъэу.

2523