Благочиннэм фIыщIэ хуищIащ Зеленчукскэ станицэм и къэзакъхэм

25.11.2017
Просмотры: 2462

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 23-м Зеленчукскэ станицэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ станицэм и атаман есаул Дранников Сергей, зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм теухуауэ.
Атаманым и отчетым къыщыхигъэщащ 2017 гъэм къэзакъхэм я бжыгъэр зэрыхэхъуар. Станицэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм нобэ ирихьэлIэу 264-рэ хэтщ. Станицэм и курыт еджапIэ №1-м зы къэзакъ классрэ «Колобок» сабий гъэсапIэм къэзакъ унэтIыныгъэ зиIэ къэзакъ гупрэ. Къэзакъхэм щIэх-щIэхыурэ драгъэкIуэкI дерсхэр, къэзакъхэм я тхыдэм теухуауэ. Апхуэдэу Толопа Владимир спорт секцэ ирегъэкIуэкI.

Псом хуэмыдэу атаманым къыхигъэщащ ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэр махуэ къэс джыным гулъытэ зэрыхуащIыр. Къэзакъ зэгухьэныгъэм ар щрегъэкIуэкI станицэм и Петропавловскэ члисэм и щоджэн Гурин Александр. Станицэм и къэзакъхэм я лэжьыгъэр къалъытащ Зеленчукскэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Федоров Владимиррэ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ.
Абы станицэм и къэзакъхэм фIыщIэ хуащIащ махуэшхуэхэм, егъэджэныгъэ, хэкупсэ, социальнэ Iуэхухэу 2017 гъэм члисэ округхэм щекIуэкIахэм икIи къэзакъ
зэгухьэныгъэхэм ехъуэхъуащ заужьыну.

2462