Щихънагъ Феофилакт Солдатскэ станицэм члисэм и япэ мывэр щигъэтIылъащ

05.11.2017
Просмотры: 3732

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м, Тхьэм и Анэм и Къэзакъ тхьэнапэм и махуэр щагъэлъапIэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Солдатскэ станицэм (КъБР) и Михайловскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Налшык округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ станицэм и члисэм и унафэщI щоджэн Молдованов Евгенийрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуну къызэхуэсащ станицэм щыпсэухэмрэ гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIахэмрэ.
Литургие нэужьым щихънагъым Тхьэм и Анэм и тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ икIи щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр яритащ япэ мывэр гъэтIылъыным хэтахэм. Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ КъБР-м и ГТРК-м и обозреватель Гериев Сэфар, республикэм и чристэн зэгухьэныгъэм и гъащIэм илъэс куэд хъуауэ и хъыбархэр зэбгрезыгъэхым. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэмрэ щоджэнхэмрэ зэгъусэ тхьэлъэIукIэ кIуащ Михайловскэ члисэм и япэ мывэр щагъэтIылъа щIыпIэм.
Хабзэ зэрыхъуауэ щихънагъ Феофилакт и гуфIэгъуэр дагуэшащ члисэм екIуалIэ ныбжьыщIэхэм. «Ди щIэблэм длэжьхэр ирыралъагъу. Члисэр зэрызэдгъэпэщыжым зэи дытеукIытыхьынукъым! Ди станицэм лъагъуныгъэ дызэрыхуиIэр, фIэщхъуныгъэм дызэрыхуэпэжыр нэгъуэщIхэм я дежкIэ щапхъэщ.
Гуэныхьым къищынэмыщIа, дэ тхуэдэу ахэри зыми щырыремышынэ! Тхьэр тщIыгъущ!», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм япэ мывэр щигъэтIылъым. ГуфIэгъуэ зэхуэс нэужьым щихънагъыр ЩэнхабзэмкIэ унэм щызэхуэса станицэдэсхэм ехъуэхъуащ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ.

3732
Фотогалерея