Кисловодск щекIуэкIащ махуэшхуэ зэгъусэ тхьэлъэIу

05.11.2017
Просмотры: 2940

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Кисловодск щекIуэкIащ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэмрэ цIыхубэ зэкъуэтыныгъэмрэ я махуэшхуэхэм я щIыхькIэ къалэпсо зэгъусэ тхьэлъэIу.
ТхьэлъэIу литургие нэужьым цIыху мин бжыгъэхэр Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щрагъажьэри зыгъэпсэхупIэ паркымкIэ кIуэцIрыкIри, КъегъэлакIуэ, Телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и скульптурэ теплъэм нэс кIуащ. Зэгъусэ тхьэлъэIум хэтащ Администрацэм, къалэ Думэм, егъэджэныгъэмкIэ управленэм я лIыкIуэхэр, Чристэн гимназием и гъэсэнхэр, къэзакъхэр, щоджэнхэр, Кисловодск благочинием и члисэхэм екIуалIэхэр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр. Щихъ Николай и фэеплъым деж Кисловодск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиние, Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн щоджэнхэм я гъусэу фIыщIэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIу нэужьым благочиннэм къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ. Махуэшухэм къалэ утыкум концерткIэ щыпащащ. Концертым хэтащ Чристэн Свято-Никольскэ Чристэн гимназием и хорыр. Синявская Татьянэ зи унафэщI гупым ягъэзэщIащ Ермаковэ Л. и «Русь православная» уэрэдыр, «Ой, то не вечер…» къэзакъ цIыхубэ уэрэдыр. Зэхыхьэм хэтхэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ администрацэм я лIыкIуэхэм, депутатхэм, щоджэнхэм. Махуэшухэ нэужьым благочиннэм зэгъусэ тхьэлъэIум хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ, псом хуэмыдэу къэзакъхэм. Зэхуэсыр и кIэм щынэблагъэм, «Святыни земли родной» члисэ-тхыдэ музейм «Заступница» фильмыр щагъэлъэгъуащ.

2940
Фотогалерея