ЕссэнтIыгу щагъэуващ пащтыхьым и унагъуэр зэрыт баннерхэр

03.11.2017
Просмотры: 3149

Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча пащтыхь унагъуэм я сурэтхэмрэ абыхэм зэхуатхауэ щыта тхыгъэхэм щыщ Iыхьэхэмрэ мы махуэхэм кIэрагъэпщIащ ЕссэнтIыгу и
район зэмылIэужьыгъуэхэмрэ билборд, жылагъуэ транспорт къэувыIэпIэ зэхуэмыдэхэмрэ. Лъагъуныгъэм, нэчыхьым, унагъуэ насыпым, императрицэм и дневникым къыхэха, и щхьэгъусэм хуитхауэ щыта тхыгъэхэр щыщ Iыхьэ хъуащ «Николай II и Александра Федоровна. Слова о любви» проектым. Ар къызэригъэпэщащ Члисэмрэ жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я зэхущытыкIэхэмкIэ Синод къудамэм. Проектыр Москва щрагъэжьащ. Абы и етIуанэ Iыхьэр иджыпсту йокIуэкI. Кавминводы Iуэхум къыщыгухьащ Псыхуабэ епархиер.
«Николай II и Александра Федоровна. Слова о любви» проектыр хуэунэтIащ урысей жылагъуэм и унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэным, цIыхухэм я деж пащтыхь унагъуэм и
гъащIэм теухуа пэжыр нахьэсыным. Пащтыхь унагъуэм зэхуатха тхыгъэхэмрэ я сурэтхэмрэ зытет билбордхэр зэрагъэувам къалэдэсхэр, абы зыщызыгъэпсэхухэр гуапэу къыпэджэжащ, и чэзууэ зэрагъэувар жаIащ. Абы унагъуэм и лъапIэныгъэхэр я лъабжьэщ. Проектым щIыналъэм и нэгъуэщI районхэми щыпащэну я мурадщ.

3149
Фотогалерея