Щоджэныр къыщыпсэлъащ наркотикым пэщIэтыным теухуауэ районым щекIуэкIа зэхыхьэм

03.11.2017
Просмотры: 2749

2017 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м Хетагуров Коста и цIэр зезыхьэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ Карачаевскэ муниципальнэ районым и администрацэм наркотикым пэщIэтынымкIэ щыIэ зи чэзу зэIущIэр. Комиссэм и лэжьыгъэм хэтащ Карачаевск къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергий. Къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсалъэм, щоджэным гу лъаригъэтащ щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм гулъытэ хуэщIын зэрыхуейм. Абыхэм я Iуэху еплъыкIэм зэрызизхъуэжым къешэ унагъуэр зэхэкъутэныр, узыншагъэм и лъапIэныгъэр егъэхуэхыныр, Iыхьлыхэм гулъытэ хуэмыщIыныр. Комиссэм хэтхэр хэплъащ районым щыIэ Iуэху зэIумыбзхэм икIи Iуэхур
зэрырагъэфIэкIуэнум теухуа Iэмалхэм тепсэлъыхьащ.

2749