Исправнэ станицэм и еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ экстремизмым и шынагъуэхэм

21.10.2017
Просмотры: 2651

Мы махуэхэм Исправнэ станицэм и Михаилоархангельскэ члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр Исправнэ станицэм и класс нэхъыжьхэм щеджэхэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ дин экстремизмым къишэ шынагъуэхэм пэщIэтыным теухуауэ. ЗэIущIэр щекIуэкIащ станицэм и школым и актовэ пэшым.
И къэпсэлъэныгъэм щоджэным къыщыхигъэщхьэхукIащ дин экстремистхэм я IуэхущIафэхэр къыщIэхъу щхьэусыгъуэхэм. Апхуэдэу и гугъу ищIащ щIалэгъуалэр экстремизмым зэрыхашэ Iэмалхэм, абы дэтхэнэри зэрыпэщIэтынум.

2651