Гимназием и егъэджакIуэм иратащ Къэрэшей- Шэрджэсым и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр

21.10.2017
Просмотры: 2962

2017 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м Къэрэшей-Шэрджэсым и Правительствэм и Унэм и пэш цIыкIум, КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Кравченкэ Иннэ и унафэм щIэту щекIуэкIащ министерствэм и зи чэзу коллегиер. Ар теухуауэ щытащ 2017 гъэм IуэхущIапIэм зэфIигъэкIахэм. ЗэIущIэм хэтащ къалэмрэ районымрэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэхэм (управленэм) я унафэщIхэр, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.
Коллегием и лэжьыгъэм хыхьэу егъэджакIуэхэр ягъэлъэпIащ. Абыхэм хуагъэфэщащ «Къэрэшей-Шэрджэсыр илъэс – 25-рэ ирокъу» юбилей дамыгъэмрэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъымрэ иратри. Ягъэпэжахэм ящыщщ Черкесск къалэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и центр 11-м и къудамэ «Свято-Сергиевскэ гимназием и егъэджакIуэ Салащенкэ Татьянэ. ЕхъулIэныгъэ и куэдыну дохъуэхъу.

2962
Фотогалерея