2017 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием и гъэсэнхэр щыIащ къалэм дэт Сабий унэм. Гимназием и гъэсэнхэм я гъусэу кIуащ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александррэ я класс унафэщIымрэ. Щоджэныр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Тхьэм и Анэм и Покров махуэшхуэм икIи саугъэтхэр яритащ. Гимназием и гъэсэнхэр усэ къеджащ, уэрэдхэр жаIащ, цIыкIухэм къэрэндащхэр тыгъэ хуащIащ. Сабийхэр джэгухэм нэхъ гъунэгъуу щызэрыцIыхуащ. Ахэр зэбгырыкIыжыну хуейтэкъым. Гимназием и гъэсэнхэр иджыри ирагъэблэгъащ.