Сабий гъэсапIэм и гъэсэнхэр члисэм Тхьэ щелъэIуащ

07.10.2017
Просмотры: 2801

Мы махуэхэм «Родничок» сабий гъэсапIэм и гъэсэн нэхъыщIэхэм я адэ- анэхэр я гъусэу щыIащ щихъ Радонижский Сергий и цIэр зезыхьэ члисэм. Сабийхэм яфIэгъэщIэгъуэну зыщаплъыхьащ блынхэм щащIа росписхэм, жор ящIу зрагъэсащ, шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ псы лъапIэм щыщ ялъигъэIэсащ.
Илъэс 17-м щIигъуауэ Лермонтовэ къалэм и «Родничок» сабий гъэсапIэр щихъ Радонижский Сергий и цIэр зезыхьэ члисэм долажьэ. Къалэм и щоджэнхэр щIэх-щIэхыурэ сабий гъэсапIэм макIуэ цIыкIухэм, гъэсакIуэхэм, адэ-анэхэм епсэлъэн папщIэ, сабийхэр члисэм йокIуалIэ. 2016 гъэм сабий гъэсапIэр пашэ щыхъуащ «Чристэн жэрдэм» грант зэпеуэм. Проектыр ягъэзэщIэн папщIэ гъэсакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсыр къаухащ чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ, методикэ литературэ, медиа пособиехэр къащэхуащ. А проектыр зэрагъэзэщIам и фIыгъэкIэ, сабийхэм Iэмал яIэщ чристэн щэнхабзэм зыхагъэгъуэзэну.

2801
Фотогалерея