Тыркуменистаным и щоджэнхэм щоджэн нэхъыжьыр я пашэу Тхьэ елъэIуащ Ашхабад къыщыхъуа щIы хъейм хэкIуэдахэм папщIэ

06.10.2017
Просмотры: 3217

2017 гъэм жэпуэгъуэм и 6-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт, Урыс Чристэн Члисэм и екIуэлIапIэхэм я Патриаршэ благочиниер пIалъэкIэ зезыгъакIуэм иригъэкIуэкIащ Ашхабад къалэм Тхьэм и Анэм и «Услышательница» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэ иджыблагъэ ягъэнэхуам щащIа тхьэлъэIур. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ республикэм и щоджэнхэм.
ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Пастыр нэхъыщхьэр Тхьэ елъэIуащ 1948 гъэм къэхъуа щIы хъейм хэкIуэдахэм я псэр зэгъэн папщIэ. Литургие нэужьым дунейм ехыжахэм папщIэ Тхьэ елъэIуащ. Фэеплъ махуэм ирагъэкIуэкIа тхьэлъэIум цIыху щэ бжыгъэхэр къэкIуащ. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм папщIэ шэджэгъуашхэ ягъэхьэзыращ.
«Дунейм ехыжахэм, Ашхабад зэфIэгъэувэжыным хэтахэм папщIэ Тхьэ девгъэлъэIу нобэ. Гугъуехьхэм дежщ чристэн лъагъуныгъэр, гущIэгъур, хьэлэлагъэр къыщыдгъэлъагъуэр. Лажьэншэу хэкIуэдахэр зыщыдгъэгъупщэркъым, къалэр къэзыгъэщIэрэщIэжахэм фIыщIэ яхудощI». А махуэм щихънагъ нэхъыщхьэмрэ щоджэнхэмрэ щIы хъейм хэкIуэдахэм я фэеплъым удз гъэгъахэр трилъхьащ.

3217
Фотогалерея