Благочиннэм фIэхъус ирихащ зэдеджэхэм

01.10.2017
Просмотры: 2859

Мы махуэхэм Пакистаным и шабзауэхэр Къэрэшей-Шэрджэсым къэкIуащ 34-нэ мотострелковэ бригадэм я гъусэу еджэну. Еджэныгъэр къыщызэIуахащ Архыз аузым. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм захуигъэзащ 34-нэ бригадэм и унафэщI полковник Дмитриев Сергейрэ Пакистан Республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ и аташеуэ Урысейм щыIэ, бригадэм и генерал Варраич Амир Навидрэ.
Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ Ипщэ Къэрэшей- Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, Зеленчукскэ, Урупскэ районхэм кадийм и къуэдзэу щыIэ Алиев Азрет.
ГуфIэгъуэ Iыхьэр зэхуащIыжащ шы ротэмрэ 34-нэ бригадэм и тIасхъэщIэх ротэмрэ зыкъагъэлъагъуэу. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ хьэщIэхэмрэ папщIэ Зеленчукскэ районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и творческэ гупхэм концерт ягъэхьэзыращ.
Урысей-пакистан дзэ егъэджэныгъэхэм хэтащ дзэм къулыкъу щызыщIэ цIыху 200-м нэблагъэ.

2859
Фотогалерея