Къэрэшей-Шэрджэсым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ щрикъу махуэшхуэм ирихьэлIэу, Курджиновэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-м къэзакъхэм я гуп къыщызэIуахащ. Къэзакъхэм я щэнхабзэр джыныр, спорт, дзэ зэхьэзэхуэм хуэгъэхьэзырыныр, Хэку лъагъуныгъэм щIэпIыкIыныр – ахэр егъэджакIуэхэм къалэн зыщащIыжар. Федеральнэ базис егъэджэныгъэ планым тету къэзакъ классым щыхурагъаджэ, патриот, спорт щэнхабзэ, эстетикэ гъэсэныгъэр абы и гуэдзэну.
Апхуэдэ къызэIуаха классым, гупым, 8-9- нэ классхэм щIэсхэр хыхьащ, Курджиновэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-м щIэсхэр. Школым абыкIэ ехъуэхъуну къэкIуащ Урупскэ муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Шутов Алексей, ККВ-м и Баталпашинскэ къудамэм и атаман Бородкин Викторрэ абы и къуэдзэ Ермаков Геннадийрэ, республикэ СМИ-м и журналистхэр, Къэрэшей-Шэрджэсым и щоджэнхэр, жылагъуэр.
Курджтиновэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-м и унафэщI Масловэ Маргаритэ къыхигъэщащ Урысейм и тхыдэм къэзакъхэм къыгуэхыпIэ зэрыхуамыIэр. Аращ къэзакъ егъэджэныгъэм зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ щIиIэр, къэралым Хэкур фIыуэ зылъагъу, абы и ехъулIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ телэжьэну цIыхухэр езытынур. Районым и Iэтащхьэм еджапIэм и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ къэзакъ класс къызэрагъэпэщынымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ.
Баталпашинскэ къудамэм и атаман, Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ Зэхуэсым и депутат Бородкин Виктор еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и къэралыгъуэр илъэс 25-рэ зэрырикъумкIэ, еджапIэм зэрызиужьымкIэ, гъэ еджэгъуэр къайхъулIэну ехъуэхъуащ икIи республикэм и Iэтащхьэм, КъШР-м и депутат корпусым, Кубаныдзэм и атаман Долудэ Николай къабгъэдэкI хъуэхъухэр яжриIащ.
Урупскэ районым егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Озерная Татьянэ гуфIэгъуэ зэхыхьэм хыхьэу къыхигъэщащ Курджиновэ къуажэм и курыт еджапIэ етIуанэр мы гъэм Урысейм и еджакIуэхэм зыщаужь утыку зэрыхъуар, сабийхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я зэфIэкIым абы зэрыхигъахъуэр. Дзэ-патриот, граждан жыджэрагъэ, щхьэзакъуэ зыужьыныгъэ, волонтёрствэ, къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэ – курыт еджапIэ 32-м и егъэджакIуэхэр Урысейм и еджакIуэхэм я зэщIэхъееныгъэм и унэтIыныгъэ зытелэжьэнухэр аращ. Къэзакъ унэтIыныгъэ зиIэ классыр а зэщIэхъееныгъэм и проект зэмылIэужьыгъуэхэм хэтынущ. Курджиновэ къуажэм щихъ Тихон и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI
щоджэн нэхъыжь Кудлай Георгий сабийхэм ягу къигъэкIыжащ къэзакъхэр сыт щыгъуи Христос и зауэлIхэу зэрыщытар икIи я псэупIэхэм япэ къихуэу члисэхэр яухуэу зэрыщытар. Дэтхэнэ зы къэзакъри Хэкум хуэпэжын, духовнэ къабзагъэ бгъэдэлъыныр и къалэну зэрыщытыр ягу къигъэкIыжащ щоджэным. Курджиновэ къуажэм и етIуанэ школым и кадет гупым и еджакIуэхэм тхьэрыIуэ ящIащ Хэкум хуэпэжыну, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIыну, лъэпкъ хабзэхэр ягъэзэщIэну. ХьэщIэхэм махуэшхуэ программэ – уэрэдхэр, театр теплъэгъуэхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр – я пащхьэм щагъэлъэгъуащ, еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ягъэхьэзырауэ.
Къэзакъ унэтIыныгъэ зиIэ класс къызэрагъэпэщыныр Курджиновэ курыт еджапIэ №2-м и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ куэд щIауэ я гурылът икIи абы кIыхьу хуэкIуащ, тхыдэмкIэ пэшыр ягъэхьэзыращ. Псебай щыщ я лэжьэгъухэр егъэджакIуэхэм къадэIэпыкъуащ. Школым къыщызэIуаха «Казачья хата» музейм щIалъхьащ илъэс зыбжанэкIэ зэхуахьэса хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр, сурэтхэр.