Черкесск и тхьэмахуэ зэпсэлъэныгъэр траухуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм

12.09.2017
Просмотры: 2330

2017 гъэм фокIадэм и 10-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым зы мащIэкIэ зэпагъэуа нэужькIэ пащэжащ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ щоджэнымрэ я зэIущIэ щоджэн Гурин Андрей иригъэкIуэкIхэм. Япэ зэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIахэм ягу къагъэкIыжащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, Тобольск Феодор и фэеплъ фокIадэм и 11-м ягъэлъэпIар. Щоджэныр зэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, ныкъуэдыкъуэ Феодор. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм ягъэщIэгъуащ щихъ Феодор къарууфIэу зэрыщытар. Илъэс 30-кIэ пIэхэнэу хэлъами ар и фIэщхъуныгъэм епцIыжакъым, чристэн диныр яхихьащ и деж къакIуэ дэтхэнэми дэIэпыкъуэгъу
хуэхъуащ. Къалэдэс щоджэн псори ягъэтIыса нэужь, Феодор деж духовнэ щIэгъэкъуэн хуэныкъуэхэр екIуалIэрт, фIэщхъуныгъэ хуэныкъуэхэм епсэлъылIэрт. 1937 гъэм ар НКВД-м и лэжьакIуэхэм Тобольскэ тутнакъым яшэри яукIащ, чристэн диным зэрыхуэпэжым папщIэ.

2330
Фотогалерея