Чристэн клубым хэтхэр дэIэпыкъуэгъу хъуащ хадэр пщIэнымкIэ

03.09.2017
Просмотры: 3544

Курыт еджапIэм и зыгъэпсэхугъуэм и иужьрей махуэхэм, Новопавловск къалэм Тхьэм и Анэм и Владимирскэ тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ и члисэм и деж щылажьэ «Благовест» чристэн щIалэгъуалэ клубым хэтхэм псапэ Iуэху ящIащ. Клубым хэтхэр щоджэн Евдокимов Антоний я гъусэу зи закъуэу псэу нэхъыжьым и деж кIуащ. Абы и хадэр хуапщIэри кIэрыхубжьэрыхухэр Iуахыжащ. Бзылъхугъэм и гуапэ ящIащ. ЩIалэгъуалэм абы сэлам щрахыжым къагъэгугъащ дяпэкIи дэIэпыкъуну.

3544
Фотогалерея