Псыхуабэ епархием и щоджэнхэр махуэшхуэ зэхыхьэхэм хэтащ

02.09.2017
Просмотры: 3384

2017 гъэм фокIадэм и 1-м Псыхуабэ епархием и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэр егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ щIэныгъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ. 

Зэхуэсым и пэ къихуэу, Новоблагодарнэ къуажэм и курыт еджапIэ №5-м къызэхуэсахэм закъыхуигъэзащ Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий. Ар егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ Тхьэр къадэIэпыкъуну икIи гъэ еджэгъэущIэр яхуэугъурлыну. Щоджэным члисэм тхьэлъэIу
щригъэкIуэкIащ гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу.
Железноводск и Покров члисэм и клирик щоджэн Абрамов Михаил щыIащ къалэ лицей №2-м. Абы и псалъэм къыхигъэщащ щIэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ар егъэджакIуэхэм шыIэныгъэ, Iущагъ яхэлъыну ехъуэхъуащ, еджакIуэхэм захуигъэзащ щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу еджэну.
Суворовскэ станицэм и курыт еджапIэ №20-м и еджакIуэхэм ехъуэхъуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэу Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие я цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман. 
Урожайнэ къуажэм и курыт еджапIэ №19-м екIуалIэ дэтхэнэ зы еджакIуэми хъуэхъукIэ зыхуигъэзащ щихъ, апостол пэлъытэхэу Константинрэ Еленэрэ я цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн Рубец Алексий. Абы и пэ къихуэу щоджэным еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ гъэ еджэгъуэр яхуэугъурлыну захуигъэзащ.
Государственнэ (Советскэ) станицэм и курыт еджапIэ №3-м и зэхыхьэ гъэ еджэгъэущIэм и щIыхькIэ щрагъэкIуэкIам еджакIуэхэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм
защыхуигъэзащ станицэм и Михаило-Архангельскэ члисэм и унафэщI щоджэн Федюнин Дионисий. Щоджэным псори къыхуриджащ Тхьэм елъэIуну, я гугъуехьхэр ящигъэпсынщIэн папщIэ зыхуагъэзэну. Иджыблагъэ егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм папщIэ Тхьэ елъэIуащ.
Зеленчукскэ станицэм и курыт еджапIэ №1-м и еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм щIэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ Петропавловскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений. Мы махуэшхуэм школым и хьэщIэ лъапIэ хъуащ: КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и (Парламентым) и депутат, аграрнэ политикэмкIэ комитетым и унафэщI Власенкэ Наталье, УФ-м и МО МВД-м и Жылагъуэ советым и унафэщI, полицэм и майор Ботчаев Мухьэт, Афган зауэм и ветеранхэм Зеленчукскэ щIыналъэм щиIэ советым и унафэщI Солнцев Анатолэ, нэгъуэщIхэри. Курыт еджапIэ №1-р Зеленчукскэ районым и нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. 2017/2018 гъэ еджэгъэум абы еджакIуэ 804- рэ щеджэнущ. Абы щыщу 88-р япэ классым макIуэхэр. 

Щоджэным еджакIуэхэр къыхуриджащ я егъэджакIуэхэм зэралъэкIкIэ гулъытэ хуащIыну, фIыуэ ялъагъуну, пщIэ хуащIыну, я жыIэхэм едэIуэну, я щIэныгъэм хагъэхъуэну. ЕгъэджакIуэхэм благочиннэр ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ яIэну, шыIэныгъэ яхэлъыну.
Котляревскэ станицэм (КъБР) и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Барышев Алексий япэ классым кIуэхэр я унэм щыщIэдзауэ курыт еджапIэм нэс, абы икIыжу я унэм нигъэсыжащ. Щоджэныр хэтащ гъуэгу шынагъуэншагъэм теухуа Iуэхум. Станицэ администрацэм и лIыкIуэхэм, щоджэнхэм, полицэм и лэжьакIуэхэм дерсым хыхьэу еджакIуэхэм хуагуэшащ цIугъэнэхэр, маршрут картэхэр, гъуэгум щызекIуэ хабзэхэр ягу къагъэкIыжащ.
Мы гъэм курыт школым и уэзджынэр япэу къеуащ Черкесск и Свято- Сергиевскэ гимназием и еджакIуэ 27-м папщIэ. Гимназием и 4 классым кIуэхэм я гъусэу ахэр хэтащ егъэджэныгъэмкIэ Центр №11-м щекIуэкIа зэхыхьэм.
Гимназием и 2-3 классхэм щеджэхэм я гъэ еджэгъуэр ирагъэжьащ Урысей МЧС-м КъБР-м щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм я чэнджэщхэмкIэ. НыбжьыщIэхэм папщIэ щоджэн Гурин Александр дерс иригъэкIуэкIащ, Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зригъэшэча, гуэныхьхэр зыIуэтэжа и щихъхэм ятеухуауэ.

3384
Фотогалерея