Щоджэнхэр школымрэ техникумымрэ я гупым яIущIащ

01.09.2017
Просмотры: 2528

2017 гъэм шыщхьэуIум и 31-м ЕссэнтIыгу и Петропавловскэ члисэм и щоджэнхэр, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я администрацэхэм ирагъэблагъэри, курыт еджапIэ №1, №3-хэм я егъэджакIуэхэмрэ Псыхуабэ сатумкIэ, технологиемрэ сервисымкIэ и техникумым и ЕссэнтIыгу къудамэм я егъэджакIуэхэм IущIащ. Щоджэнхэм егъэджакIуэхэм тыгъэ хуащIащ Тхьэм и Анэм и Покров теплъэр, гъэ еджэгъуэщIэм зэдэлэжьэну зэгурыIуащ.

2528
Фотогалерея