«Сретение» центрым и унафэщIыр лъахэхутэ зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытащ

01.09.2017
Просмотры: 3097

Псыхуабэ шыщхьэуIум и 30-м «Мэшыкъуэ» зэхуэсым и Iэгъуэблагъуэм щызэхуащIыжащ сабий жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ Ставрополь крайм и еджакIуэхэм я управленэмрэ я Школымрэ «Сэ сыунафэщIщ» зэпеуэмрэ. Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм къыбгъэдэкIыу школым и лэжьыгъэм хэтащ Свято-Никольскэ классическэ гимназием и гъэсэн Овчинниковэ Наталье, «Сретение» Чристэн щIалэгъуалэ центрым центрым жыждэру хэт Боровиков Владимир, МБОУ СОШ№2-м и еджакIуэ Кнуховэ Витя, Кисловодск округым и благочиннэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Луконосовэ Марие. 
Школыр къызэрагъэпэщащ Ставрополь крайм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и Министерствэр, Ставрополь крайм и «Центр молодежных проектов» къэрал бюджет IуэхущIапIэр, Ставрополь крайм и «Ставрополь и сабийхэм я зэгухьэныгъэ» лъахэхутэ сабий IуэхущIапIэр, Ставрополь и щIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я «Ставрополь крайм и гуп» жылагуъэ зэгухьэныгъэр. 

Школыр Ставропольем еплIанэу къыщызэрагъэпэщ. Ар къыхэзылъхьахэм я мурадыр – Ставрополь крайм и 8-11- нэ классхэм щIэсхэм ящыщу къызэгъэпэщакIуэ зэфIэкI зиIэхэр, нэхъ еджакIуэ пашэхэр къыщагъэнэIуэнырщ, я социальнэ жыджэрагъым хэгъэхъуэнырщ.
Школым къриубыдэу еджакIуэхэм мастер-классхэр ятащ, цIыху цIэрыIуэхэм яIущIащ, проектхэр ятхыу загъэсащ. Зэхыхьэм хэтхэр гупиплIу ягуэшащ: «ЩIалэгъуалэ хьэрычэтыщIэ», «Волонтёрство», «Информационно- медийное», «Творчество». Школым хыхьэу къызэрагъэпэщащ сабий щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я
унафэщIхэм я «Сэ сыунафэщIщ» лъахэхутэ зэпеуэр. Зэхьэзэхуэм хэтащ щIыналъэ, щIыпIэ сабий, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр. Зэпеуэм хэтхэм къапэщылът я IуэхущIапIэм хагъэгъуэзэну, къалэм, щIыналъэм, къэралым и зыужьыныгъэм хуащI хэлъхьэныгъэр зыхуэдэр жаIэну. КъыкIэлъыкIуэ унэтIыныгъэм зэпеуэм хэтхэр къытеувыIащ гупым къыщыхъу щытыкIэ гугъухэм зэрыпхыкI Iэмалхэм тепсэлъыхьыну. Зэхьэзэхуэм хыхьэу абы хэтхэм зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщри абы и пычыгъуэр зэпеуэм щагъэзэщIащ.
«Руководитель молодёжных общественных объединений» Iыхьэм пашэ щыхъуащ Кисловодск члисэхэм я благочиннэм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Луконосовэ Марие, Абы къэпщытакIуэхэм хэтхэмрэ зэпеуэм щыщхэмрэ хигъэгъуэзащ «Сретение» чристэн щIалэгъуалэ центрым и лэжьыгъэм. Кисловодск и щIалэгъуалэм ягъэзащIэ проектхэр къэпщытакIуэхэм лъагэу къалъытащ.

Школыр щызэхуащIыжым, Ставрополь крайм егъэджэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министрым и къуэдзэ Донецкий Д. С., «Центр молодёжных проектов» ГБУ СК-м и унафэщI Дроботов Б. И. дипломхэмрэ сертификатхэмрэ иратащ, зэпеуэм хэтахэмрэ унафэщIхэмрэ ехъуэхъуащ зрагъэхъулIахэм къыщызэтемыувыIэу адэкIи заужьыну, я щIэныгъэм хагъэхъуэну, Ставрополь краймрэ Урысеймрэ фIыуэ ялъагъуну.

3097
Фотогалерея