Новоисправнэм щагъэлъэпIащ тхьэлъэIу унэр къызэрызэIуахрэ илъэс зэрырикъур

30.07.2017
Просмотры: 2469

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м Новоисправнэ къуажэм щагъэлъэпIащ тхьэлъэIу унэр къызэрызэIуахрэ илъэс зэрырикъур. А махуэм тхьэлъэIу унэм литургиер щрагъэкIуэкIащ щоджэн Якушев Александррэ щоджэн Птушкин Сергийрэ. Махуэшхуэ тхьэлъэIу нэужьым къуажэ клубым концерт щрагъэкIуэкIащ, къуажэдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ шхыныгъуэ IэфIхэр хуагъэлъэгъуащ.
***
Новоисправнэ члисэр зэхакъутауэ щытащ диныр зэхэзехуэн щащIам. Члисэм къыхэнауэ, Тхьэм и Уэхьий Михаил и фэеплъкIэ ягъэнэхуауэ щытар, - зауэлIхэр
уафэм къыщызыхъумэм и тхьэнапэрт, къуажэдэсхэм яхъумар. 

2016 гъэм бадзэуэгъуэм щыщIэдзауэ Исправнэ муниципальнэ  къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Брыкинэ Маринэ и жэрдэмкIэ, къуажэдэсхэм хухахащ чристэнхэр Тхьэ щелъэIуну унэ. Новоисправнэдэсхэм зы мазэм къриубыдэу ар зыхуей хуагъэзащ. Иджы Тхьэм и Уэхьий Михаил и фэеплъ тхьэлъэIу щыIэщ. Къуажэр илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и щоджэнхэм я гъусэу иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыщхьэм и япэ тхьэлъэIу литургиер. Ар къуажэ члисэр зэхакъута нэужь япэу ирагъэкIуэкIа литургиещ.

2469