Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Новополтавскэ къуажэм и махуэшхуэр

29.07.2017
Просмотры: 3716

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м, Урысейр умэхъын щащIа махуэмрэ, апостол пэлъытэ джыназ ин Владимир и фэеплъ махуэмрэ ирихьэлIэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт КъБР-м и Прохладнэ районым и Новополтавскэ къуажэм и Князь-Владимирскэ члисэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин я пашэу. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий.
Ектении нэужьым Пастыр нэхъыщхьэр Тхьэ елъэIуащ Украинэм, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум мамырыгъэ щыIэн папщIэ. Литургие нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIащ зэгъусэ тхьэлъэIур икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Щоджэн нэхъыщхьэм зэгъусэ тхьэлъэIум папщIэ фIыщIэ хуищIащ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сацук Павел. Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Жорыр яритащ ба хуащIыну икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъылIащ.

3716
Фотогалерея