Къэрэшей-Шэрджэсым Алан чристэн центр къыщызэрагъэпэщ

28.07.2017
Просмотры: 3164

КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Белавенцев Олег, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт, КъШР-м и муфтий Бердиев Исмэхьил сымэ щыIущIам а Iуэхугъуэм тепсэлъыхьащ. ЗэIущIэм хэтащ КъШР-м и ЦIыхубэ зэхуэсым (Парламентым) и унафэщI Иванов Александр.
Зэхыхьэр 2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м екIуэкIащ, Попредыр Къэрэшей- Шэрджэсым щыкIуэм. Белавенцев Олег Кавказскэ къуажэм и Георгиевскэ члисэм щыIащ. Ар абдеж щригъэблэгъащ щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт. Щихънагъ нэхъыщхьэр члисэм и ухуэныгъэм къытеувыIащ икIи Темрезов Рашид фIыщIэ хуищIащ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ хъуа члисэ ухуэныгъэмкIэ къызэрыдэIэпыкъуам папщIэ.
ИужькIэ хьэщIэ лъапIэхэр щыIащ Архыз Ищхъэрэ музей-заповедникым. «Кавказ Ищхъэрэр – дин зэмылIэужьыгъуэхэм итхэм я унэщ. Урысейм нэхъ чристэн диныр нэхъ пасэу къыщащта щIыналъэм дыщопсэу. Мы щIыпIэм иса нэхъыжьыфIхэм мы щIыналъэм къэрал быдэ щаухуащ. Тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, аланхэм я щIэблэр муслъымэн диным ихьащ, ауэ чристэнхэми пщIэ хуащI. Дауэ хъуми, я фIэщхъуныгъэм и лъабжьэ духовнэ лъапIэныгъэхэр зэтохуэ», - къыщыхьащ Полпред Белавенцев Олег и сайтым.
Урысейр умэхъын щащIа махуэшхуэ, бадзэуэгъуэм и 28-м ягъэлъапIэм ирихьэлIэу, абы бегъымбар Илья и цIэр зезыхьэ члисэм Херсонес къикIа тхьэнапэр тыгъэ хуищIащ. А щIыпIэм 988 гъэм апостол пэлъытэ джыназ Владимир умэхъын щащIащ.
«Мыхьэнэшхуэ иIэщ мы члисэхэм зэпымыууэ тхьэлъэIухэр зэрыщрагъэкIуэкIым. ДэркIэ нэхъапэр а лъапIэныгъэхэр хъумэнымрэ къэгъэщIэрэщIэжынымрэщ. Апхуэдэу нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу ди члисэхэм Тхьэ щелъэIуну къакIуэхэм, хьэщIэхэм гулъытэ яхуэтщIын хуейщ», - къыхигъэщащ щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт. Пастыр нэхъыщхьэм Полпредым иритащ Архыз тхьэнапэм и теплъэр.
КъШР-м и Iэтащхьэм и унафэм тету, Алан чристэн центрым хыхьэнущ Архыз Ищхъэрэм къыдэкIуэу Шоанин, Сентин члисэхэр, X лIэщIыгъуэхэм икухэм византие IэпщIэлъапщIэхэм яухуахэр.

3164
Фотогалерея