Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Старопавловскэ станицэм литургие щригъэкIуэкIащ

23.07.2017
Просмотры: 2926

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Старопавловскэ станицэм и Никольскэ члисэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур дащIащ Новопавловскэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн Цапко Владиславрэ члисэм и унафэщI щоджэн Вологин Александррэ. Къардэн  къулыкъур игъэзэщIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Щоджэн нэхъыщхьэм итхьэлъэIум хэтыну къызэхуэсащ станицэдэсхэмрэ гъунэгъу къуажэхэм щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ.
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Ектении нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Тхьэ елъэIуащ Украинэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ мамырыгъэ щыIэн папщIэ. Пастыр нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм къэкIуахэм епсэлъащ икIи Жорыр яритащ ба хуащIын папщIэ.

2926
Фотогалерея