«Анэхэм папщIэ унэм» щрагъэжьащ сабийр зэрыбгъэшхэнум зыщыхагъэгъуазэ зэхыхьэхэм

16.07.2017
Просмотры: 2782

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм къыщызэIуахащ унагъуэ зэхыхьэхэм я лъэхъэнэщIэр. Сабийхэр гъэшхэнымкIэ щыIэ Зэгухьэныгъэм хэт Нартовэ Еленэ «Унагъуэ центр «Покров» Черкесск къалэ – «Чристэн жэрдэм» зэпеуэм пашэ щыхъуа» проектым хыхьэу бзылъхугъэ уэндэгъухэмрэ анэхэмрэ яIуощIэ. Апхуэдэ зэIущIэхэр 2017 гъэм мазэ къэс зэ екIуэкIынущ.

Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ мыгувэу анэ хъунухэм. Сабий зыбжанэ зиIэ анэхэми щIэ куэд къащIащ. Ахэр япхъухэмрэ я пхъурылъхухэмрэ ядэгуэшэфынущ а щIэныгъэхэмкIэ. ЗэIущIэм хэтащ зи щхьэгъусэм сыткIи дэIэпыкъуну хьэзыр, иджыблагъэ адэ хъуну зызыгъэхьэзыр щIалэр.

2782
Фотогалерея