Прохладнэм къыщызэIуахащ чристэн сабий гъэмахуэ лагерь

09.07.2017
Просмотры: 3440

2017 гъэми бадзэуэгъуэм и 7-м Прохладнэ къалэм Телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ и члисэм къыщызэIуахащ Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм папщIэ члисэ-екIуэлIапIэ гъэмахуэ лагерь. Лагерыр илъэс етIуанэ хъуауэ мэлажьэ. Бегъымбар, Тхьэм и умэхъакIуэ Иоанн и Хъуромэ махуэшхуэм и щIыхькIэ, ныбжьыщIэхэм я япэ зыгъэпсэхугъуэр тхьэлъэIу литургием хыхьэ тхьэлъэIукIэ къызэIуахащ. Лагерым щыIэ ныбжьыщIэхэм я программэм хохьэ тхьэлъэIухэм хэтыныр, зыплъыхьакIуэ кIуэныр, жьы къабзэм щыджэгуныр, мультфильмхэм еплъыныр.

3440