СурэтыщI Ярошенкэ Николай Кисловодск ягу къыщагъэкIыжащ

08.07.2017
Просмотры: 2579

2017 гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м, Бегъымбар, УмэхъакIуэ Иоанн и Хъуромэ махуэр щагъэлъапIэм, тхьэлъэIу литургие нэужьым, сурэтыщI Ярошенкэ Николай и кхъащхьэм деж тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. Ар щыщIалъхьащ Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэса къэхухьам деж. А махуэм, илъэси 119-рэ и пэкIэ, Николай Тхьэм и пащхъэм ихьэжащ. ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирик Сахно Андрей.

Члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэм, сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр зигу дыхьэхэм я гъусэу, тхьэлъэIум хэтащ Ставрополь крайм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Трухачев Александррэ художник Ярошенкэ и цIэр зезыхьэ музейм и унафэщI Ярошенкэ Натальерэ.

ТхьэлъэIу нэужьым къызэхуэсахэм захуигъэзащ щоджэн нэхъыжь Сахно Андрей: «Николай и гъащIэм гуманизмри чристэн фIэщхъуныгъэри цIыхухэм, лъахэм яхуиIэ лъагъуныгъэри щыздихьыфырт. И лэжьыгъэхэм абы цIыхухэр щызэкъуигъэувэфырт. Аращ и фэеплъыр нобэр къыздэсым щIащымыгъупщэри. 

Абы и фэеплъыр кIуэдыжынукъым, чристэн IэпщIэлъапщIэу, цIыхуу щытащи. И псэр зэгъэну Тхьэм жиIэ».

2579