Псыхуабэ и унагъуэ хуэщIахэм я зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм хагъэхьащ щоджэныр

08.07.2017
Просмотры: 2744

Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэм и пэ къихуэу, Псыхуабэ и лъахэхутэ музейм щекIуэкIащ КИФЩI-м и унагъуэ хуэщIахэм я тхылъ Дыщафэ тхылъым хагъэхьэнухэр къыщыхах зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм. Мы гъэм унагъуэ пщыкIузым ящыщу тIур къэзакъ унагъуэщ: Козленкэхэрэ Шестеряковхэрэ. Зэхьэзэхуэм хэта Горячеводскэ къуажэм Тхьэм и Анэм и Успения къэзакъ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан къызэхуэсахэм ярихыжащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт и фIэхъусыр икIи зэпеуэм хэтхэм щихъхэу Пётррэ Февронийрэ къахъумэну ехъуэхъуащ. 

Музейм и унафэщIым къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр зыхуэдэр. Мы гъэм зэпеуэр илъэс ебланэ хъуауэ къызэрагъэпэщ. Накъыгъэм екIуэкIа япэ Iыхьэм утыку къыщрахьащ архив сурэтхэр, видео нэтынхэр, нэгъуэщIхэри. ЕтIуанэ Iыхьэм щагъэлъэгъуащ дэтхэнэ зы лъэпкъми и жыгыр, творческэ номер. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIхэм щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэтхэр иратынущ. ТекIуахэм саугъэт нэхъыщхьэр – «Псыхуабэ и унагъуэ хуэщIахэм я дыщэ тхылъым» ихуэнущ.

2744
Фотогалерея