Минераловодскэ округым и щоджэнхэм гуэныхьхэр яIуэтэжащ

01.07.2017
Просмотры: 3105

Орбельяновкэ къуажэм и Минераловодскэ районым Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Пантелеимон и цIэр зезыхьэ члисэм округым и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэжащ. Гуэныхьхэр яIуэтэжыным и пэ къихуэу, благочинием и щоджэн нэхъыжь Устименкэ Филипп къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ щоджэнхэм я къалэнхэр, Инджылым и узэщIакIуэхэм ятеухуа бэрэзджым ирихьэлIэу ахэр фIэщхъуныгъэм, лъагъуныгъэм и щапхъэгъэлъагъуэ хъун зэрыхуейр. Апостол Павел и тхыгъэхэм щыщ псалъэхэр щоджэным къихьащ.

Щоджэнхэм я тхьэлъэIухэм пащащ. Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэужь, щоджэнхэр зэхуэсащ. Абы щытепсэлъыхьащ екIуэлIапIэм и гъащIэм и Iуэхугъуэхэм.

3105