«Псалъэм и гуфIэгъуэ», «Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказ» гъэлъэгъуэныгъэхэр ЕссэнтIыгу щекIуэкIынущ

24.06.2017
Просмотры: 5648

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-9- хэм Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ, ЕссэнтIыгу къалэм и Театральнэ утыкум щекIуэкIынущ «Псалъэм и гуфIэгъуэ» чристэн проектымрэ «Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказ» чристэн бэзэрымрэ. Хабзэ хъуауэ ар Кавказ Ищхъэрэм къыщызэрагъэпэщ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ Урыс Чристэн Члисэм и Издательскэ Советым, Псыхуабэ, Черкесск епархием, «Урысей Ипщэ» компание гупым. Издательскэ Советым еплIанэу гъэлъэгъуэныгъэр Кавказым и Минводы къыщызэрегъэпэщ.

«Псалъэм и гуфIэгъуэ» гъэлъэгъуэныгъэр тхылъ зыщэ IэщIагъэлIхэм я мызакъуэу тхылъеджэхэми гъэщIэгъуэн ящыхъунущ. Гукъыдэж зиIэ псоми абы зыхагъэгъуэзэфынущ чристэн, классикэ, егъэджэныгъэ, сабий, художественно-публицистикэ литературэхэм. 

«Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказ» гъэлъэгъуэныгъэм зэхуишэсынущ Урысейм и щIыналъэ куэдым щыщхэр, гъунэгъу щIыпIэхэм къикIахэр. Абы хэтынущ члисэхэмрэ къулъшырыфхэмрэ я лIыкIуэхэр, тхылъ тедзапIэхэм, ювелир IуэхущIапIэхэм щыщхэр, IэпщIэлъапщIэхэр, Урыс Чристэн Члисэм пыщIэныгъэ зыхуиIэхэр.

Члисэхэмрэ къулъшырыфхэмрэ я лIыкIуэхэм тхьэнапэхэр, члисэ Iэмэпсымэхэр, пхъэм, мывэм, дагъэ гъэнэхуам, нэгъуэщI куэдым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр. Тхылъ тедзапIэхэм ягъэлъэгъуэнущ духовнэ, узэщIыныгъэ, тхыдэ, сабий литературэхэр, чристэн махуэгъэпсхэр, гъуэгугъэлъагъуэхэр, аудио, видео дискхэр. Бжьахъуэхэм фохэкI лIэужьыгъуэхэр къыздашэнущ, я нэгъуэщI шхыныгъуэхэм щIыгъуу.

1917-1918 гъэхэм Поместнэ Собор къызэIуахар илъэс 1000 зэрырикъум хыхьэу, гъэлъэгъуэныгъэ утыкум кърахьэнущ «Светопись тайны» - «Святитель Патриарх Тихон. К 1000-летию восстановления Патриаршества в России» циклым щыщ сурэт гъэлъэгъуэныгъэр.

Гъэлъэгъуэныгъэр ягъэхьэзыращ Издательскэ Советымрэ «Чристэн тхылъ» Ассоциацэмрэ. «Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказ» гъэлъэгъуэныгъэ-бэзэрым къахьынущ Аущ Тихон и къарум щыщ Iыхьэ, Москварэ Урысей псомрэ я Патриархым. Гъэлъэгъуэныгъэм къриубыдэу лъапIэныгъэр члисэ цIыкIум щыIэнущ.

Гъэлъэгъуэныгъэ-бэзэрым къекIуалIэхэм щэнхабзэ-узэщIыныгъэ программэ я пащхьэ иралъхьащ. Абы хыхьэт художественнэ, документальнэ фильмхэр, творческэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр, «Щоджэным упщIэкIэ зыхуэвгъазэ» программэр. Абы хыхьэу гукъыдэж зиIэ псори щоджэным епсэлъэну Iэмал яIэщ. Члисэмрэ къулъшырыфхэмрэ я блынхэм фIэщхъуныгъэ зиIэ псоми я щхьэр щыхуагъэщхъыну Iэмал яIэщ.

Зэхыхьэм хыхьэу Кавказым и Минводы щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ щызэхуэзэнущ апостол пэлъытэхэу Кириллрэ Мефодийрэ я цIэр зезыхьэ Патриаршэ литературнэ саугъэтыр къэзыхьа Владимиров Артем. Ар ЕссэнтIыгу къалэм и мэкъуауэгъуэм и 2-м щекIуэкIыну яубзыхуащ.

Выставкэр къызэIуахынущ тхьэлъэIу литургиекIэ. Ар мэкъуауэгъуэм и 2-м Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Пантелеимон и цIэр зезыхьэ члисэм щрагъэкIуэкIынущ. ТхьэлъэIу нэужьым фIэщхъуныгъэ зиIэхэр зэгъусэу Театральнэ утыкум кIуэнущ. Абдеж Издательскэ Советым и унафэщI, Калужскрэ Боровскрэ я митрополит Климентрэ Псыхуабэ, Черкесск щIын6алъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилактрэ выставкэр къыщызэIуахынущ.

5648