Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Тыркуменистаным пастыр нэхъыщхьэ къулыкъур щищIащ

19.06.2017
Просмотры: 6093

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-18-хэм Урыс Чристэн Члисэм и Патриаршэ благочинием и екIуэлIапIэхэр Тыркуменистаным пIалъэкIэ щызезыгъакIуэ, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Тыркуменистан Республикэм щыIащ.

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Урысей Федерацэм и полномочнэ лIыкIуэу Тыркуменистаным щыIэ Блохин Виктор IущIащ. Мэкъуауэгъуэм и 16-м Пастыр нэхъыщхьэм тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Ашхабад щыIэ Воскресенскэ члисэм икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэр, щоджэнхэр хигъэгъуэзащ Соломонхэ я псысэхэр зэрыт тхылъыр тыркуменыбзэрэ урысыбзэкIэ къызэрыдагъэкIам.

КъыдэкIыгъуэр зэгъусэу ягъэхьэзыращ Патриаршэ благочиниемрэ Библиер зэдзэкIынымкIэ Институтымрэ. Ар лъэпкъ дамыгъэкIэ ягъэдэхащ икIи Соломонхэ я псысэхэр тыркуменыбзэрэ синод урысыбзэкIэ итщ. Тхылъыр екIуэлIапIэхэм пщIэншэу щагуэшынущ икIи члисэхэм урысыбзэр щызыджхэм щхьэпэ яхуэхъунущ. КъыдэкIыгъуэм зэхуэсахэр щыхигъэгъуазэм, Щихънагъ нэхъыщхьэм тыркуменистаным и властым фIыщIэ хуищIащ тхылъыр дунейм къытехьэну Iэмал къызэрыратам папщIэ.

А махуэм и пщыхьэщхьэм щоджэн нэхъыщхьэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Ашхабад и Кирилло-Мефодиевскэ члисэм Тхьэм и Анэм и акафистым къеджэу. КъыкIэлъыкIуэ махуэр щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Балкан благочинием щигъэкIуащ. Тыркуменбаши къалэм и Михайловскэ члисэм тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ. Балканабад къалэм Тхьэм и Анэм и Рождество члисэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Пастыр нэхъыщхьэм абы щигъэнэхуащ тыхь щIапIэм и окладыщIэхэр, члисэм къаша тхьэлъэIу хьэпшыпхэр. Сердар и музейм цIыху куэд щызэхуэсащ. Зэгуэрым ар члисэу щытащ. Щихънагъ нэхъыщхьэм тхьэлъэIу кIэщI нэужьым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм я упщIэхэм жэуап иритащ, тхьэнапэхэр тыгъэ яхуищIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къалэм и властхэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ зэIущIэр къызэрызэрагъэпэщам папщIэ. Иджыри зы Iуэхугъуэ гуапэ хъуащ Тхьэм и Анэм и «Услышательница» теплъэр Ашхабад и Никольскэ члисэм и Iэгъуэблагъуэм щаухуа члисэ цIыкIум  эрагъэIэпхъуар.

ЛъапIэныгъэр Тыркуменистаным фIэщхъуныгъэ зиIэу щыпсэухэм папщIэ Афон бгы лъапIэм щагъэхьэзыращ илъэсищэрэ пщIырэ и пэкIэ. Ухуэныгъэр 90 гъэхэм  ирагъэжьа щхьэкIэ, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ лъапIэныгъэм и юбилейм ирихьэлIэу яхунэгъэсауэ аращ.

Тхьэнапэр щагъэIэпхъуэм, щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт члисэр игъэнэхуащ – члисэ цIыкIур икIи Ашхабад и Никольскэ члисэм литургие щригъэкIуэкIащ. А тхьэлъэIум хыхьэу къардэн къулыкъур хуагъэфэщащ Ташкент и духовнэ семинарием и студент, Мары къалэм щыщ Нагибин Пётр. Пётр Покровскэ члисэм и къардэн хъуащ.

Апхуэдэу Пастыр нэхъыщхьэм игъэнэхуащ Ашхабад и Никольскэ члисэм и уэзджынэщIэхэр. Уэзджынэжьыр, Щоджэн нэхъыщхьэм и арэзыныгъэкIэ, Байрамали къалэм Аущ Алексий и цIэр зезыхьэ члисэм иратынущ. Теплъэр зэрагъэIэпхъуэр махуэшхуэ хъуащ. Абы ирихьэлIэу бэрэздж прунж ягъэхьэзыращ. ЕкIуэлIапIэм къэкIуахэм хъарбыз хъуахэр ирагъэшхащ. 

Мэкъуауэгъуэм и 18-м, пщыхьэщхьэ тхьэлъэIу КъегъэлакIуэ Христос и акафистыр зыщIыгъуу Ашхабад и Александро-Невскэ члисэм щрагъэкIуэкIамкIэ зэхуащIыжащ Тыркуменистаным щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт щригъэкIуэкIа пастыр нэхъыщхьэ къулыкъур.

6093
Фотогалерея