Нэхъыщхьэм теухуа псалъэ 50

14.06.2017
Просмотры: 3616

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 13-м ар зи фIэщыгъэ медиапроект Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и щIалэгъуалэ центрым утыку къыщрахьащ Москва и Духовнэ Академием и доцент, щоджэн нэхъыжь Великанов Павелрэ къардэн Колот Анатолийрэ.

ФIэщхъуныгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ, напэмрэ пэжыгъэмрэ ятеухуахэр зи лъабжьэр хьэщIэхэм ягъэлъэгъуа пшахъуэ анимацэ фильмхэм я закъуэтэкъым. Цыху 400 зыхэта зэхыхьэм Павел зэхуэсахэм я гъусэу щытепсэлъыхьащ лъапIэныгъэхэм.

Iуэхум хыхьэу фильм зыбжанэ ягъэхьэзырауэ псапэу зэбграгъэх, пшахъуэ анимацэр, профессиональнэ драматургиер къагъэсэбэпурэ жылагъуэм я деж щIэупщIэ щызиIэ, зэманым декIу упщIэхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ зэпкърах. Лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэр Кърымым щыIащ. Кавказым иужькIэ ахэр КъуэкыпIэ Жыжьэмрэ Москварэ кIуэнухэщ.

Зэпсэлъэныгъэр сыхьэтитIым щIигъукIэ екIуэкIащ. Пшыхь нэужьми зэхуэсахэр зэбгрыкIыжыну пIащIэтэкъым. Дэтхэнэми иратащ анимацэ фильмхэр зытет дискхэр. Мэкъуауэгъуэм и 14-м Кисловодск щекIуэкIащ Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэ къудамэм къызэригъэпэща гъэлъэгъуэныгъэр.

3616
Фотогалерея