Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Къэрэшей- Шэрджэсым и дамыгъэ нэхъыщхьэр къыхуагъэфэщащ

12.06.2017
Просмотры: 3700

Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм дамыгъэ лъапIэхэр унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм етыным теухуа зэхыхьэ гуапэр ирагъэхьэлIащ Урысейм и махуэм. Дамыгъэ нэхъыщхьэр – «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр – хуагъэфэщащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт. КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид зэхыхьэм щыжиIащ апхуэдэ орден Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрым и унафэщI, республикэм и муфтий Бердиев Исмэхьил-хьэжы. Щоджэн нэхъыщхьэм республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэм щыщ, дин щхьэхуэхэм итхэм я зэгурыIуэныгъэм ехьэлIа Iуэхур зэрыдиIыгъым папщIэ икIи къыхигъэщащ дин зэгухьэныгъэхэм тхыдэ, щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным ехьэлIауэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. «Ди республикэр фIыуэ долъагъу псоми икIи абы мамырыгъэ илъыну, ефIэкIуэну, ехъулIэну ди гуапэщ!», - жиIащ щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт. Псом хуэмыдэу дамыгъэр лъапIэ ещI республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ щрикъум ирихьэлIэу зэратам. Орденым щIыгъу саугъэтыр щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт тIууэ игуэшри ирихуэупсащ Республикэм и геронтологие центрымрэ Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназиемрэ. 

А махуэм щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт, КъШР-м и Iэтащхьэм щIыгъуу, Урысейм и гражданхэм – Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэууэ балигъыпIэ иувахэм иратащ.

3700
Фотогалерея