Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт ЕссэнтIыгу къалэм и Пантелеимон члисэр игъэнэхуащ

12.06.2017
Просмотры: 3388

2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м, Аущ псоми я тхьэмахуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт ЕссэнтIыгу и Пантелеимоновскэ члисэр игъэнэхуащ икIи абы тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ: Епархием и советым и секретарь, щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, ЕссэнтIыгу члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий, округым и щоджэнхэм. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Кубэ Димитрий.

Литургием Тхьэ щелъэIуащ ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр, зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. Щихънагъ нэхъыщхьэм члисэр игъэнэхуа нэужь, тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ. Псом хуэмыдэу зэхуэсахэр Тхьэ елъэIуащ члисэр зыухуа икIи абы и унафэщI щоджэн нэхъыжь Журавлёв Василий папщIэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм еджа нэужь, Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Ектении нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Украинэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ мамырыгъэ щыIэн папщIэ Тхьэ елъэIуащ. ТхьэлъэIу нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъхэр иритащ икIи епсэлъащ Журавлёвхэ я унагъуэм щыщхэм. Щихънагъ нэхъыщхьэр гуфIащ щоджэн нэхъыжь Василий къыщIидза Iуэхур абы и къуэ щоджэн Михаил ехъулIэныгъэ пылъу и кIэм зэрынигъэсам папщIэ. ЕссэнтIыгу и Пантелеимон члисэр гъэнэхунырщ а Iуэхур. Махуэшхуэр члисэм и дэкIуеипIэм концерткIэ щызэхуащIыжащ.

3388
Фотогалерея