Щоджэныр еханэ классым щIэсхэм яхутепсэлъыхьащ чристэн тхылъым
Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и библиотекэм щекIуэкIащ «Духовных книг
божественная мудрость» зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ чристэн тхылъым и махуэм.
Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Грамацкий Андрей школ №14-м
и 6 классым щIэсхэм, библиотекэм щызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ Урысейм тхылъхэр
япэу къызэрыщежьамрэ ар къызэзыгъэпэща Федоров Иванрэ. Андрей къыхигъэщащ
лъагъуныгъэрэ нэхурэкIэ гъэнщIа, гуапагъэм укъыхуезыджэ тхылъыфIхэм уеджэн
зэрыхуейр.
ЗэIущIэ нэужьым щоджэным библиотекэм тыгъэ хуищIащ Урыс Члисэм Тхьэм
папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ фIэщхъуныгъэ зиIэу гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ
ятеухуа тхылъхэр.
Просмотров: 765