«Надежда» центрым и гъэсэнхэр IущIащ щоджэнхэм
Къэрэшей-Шэрджэсым балигъ мыхъуахэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэу щыIэ
«Надежда» центрым и гъэсэнхэр IущIащ дин лэжьакIуэхэм – Черкесск и Никольскэ члисэ
зэхуэхьэсам и щоджэнхэу щоджэн Гурин Александррэ Кара-Паго къуажэм и имам
Курачинов Альбирэ. ЗэIущIэм хэтащ ветеранхэм я Советым и унафэщI Апсов Альберт.
Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ центрым и унафэщIым и жэрдэмкIэ, фIэщхъуныгъэм теухуа
упщIэ куэд ятащ. Зэпсэлъэныгъэр сыхьэтитIкIэ екIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм къащIащ
цIыхур тхьэлъэIу щIыхуэныкъуэр, гуэныхь къихьа иужькIэ, Тхьэм и псалъэр щIэбджын
хуейр. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ щоджэнхэр къулыкъум
зэрыпэрыхьар. Зэхыхьэ нэужьым хьэщIэхэм упщIэхэмкIэ зыхуагъэзащ.
Просмотров: 858