Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр ветераным ехъуэхъуащ
Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэм, Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ
зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсэнхэмрэ ехъуэхъуну
къызэхуэсащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Солнышкин Афанасий, щIышылэм зи ныбжьыр
илъэси 103-рэ ирикъуар. А махуэм Афанасий япэу Христос и щэхухэм зыхигъэгъуэзащ.
Сабийхэм Афанасий тхьэлъэIу тхылъхэр, просфор, удз гъэгъахэр, IэфIыкIэхэр,
езыхэм ягъэхьэзыра саугъэтхэр иратащ, зауэ уэрэд жаIащ, ветераным епсэлъащ. Афанасий
и гъащIэм яхутепсэлъыхьащ, сабийхэм чэнджэщ яритащ адэ-анэхэм едэIуэну, зэпымыууэ
лэжьэну, я IэнатIэм, унагъуэм, Хэкум хуэпэжыну, дэтхэнэ зы дакъикъэри ялъытэну.
***
Солнышкин Афанасий 1920 гъэм Шэшэн-Ингуш областым и Наурскэс станицэм
къыщалъхуащ. 1942 гъэм и пэщIэдзэхэм ар Наурскэ военкоматым дзэм щраджащ. 1942
гъэм щэкIуэгъуэм щыщIэдзауэ 239-нэ артиллерие полкым и 77-нэ шабзауэ дивизэм абы
къулыкъу щищIащ. 1942 гъэм щыщIэдзауэ 1943 гъэ пщIондэ Кавказыр щхьэхуит
къэщIыжыным щIэзэуахэм яхэтащ, тIасхъэщIэххэм я командиру. Севастополь, 1943 –
гъэм Кърымыр щхьэхуит къэзыщIыжахэм яхэтащ. 1945 гъэм фронтым къикIыжащ. Хэку
зауэшхуэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр, Вагъуэ плъыжь орденыр, «За оборону
Кавказа» медалыр, ТекIуэныгъэ Иным и юбилей медалхэр къыхуагъэфэщащ.
Къигъэлъэгъуа лIыгъэм, хахуагъэм, Хэкур хъумэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ
Солнышкин Афанасий республикэм и Iэтащхьэм къыхуигъэфэщащ «За заслуги перед
Карачаево-Черкесской республикой» орденыр.
Просмотров: 680