Члисэ зэхуэхьэсам зыплъыхьакIуэ кIуащ спортсмен ныбжьыщIэхэр
Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам Члисэмрэ къэзакъхэмкIэ и музейм
зыплъыхьакIуэ щрагъэкIуэкIащ «Воин» Iэпщэрыбанэ армэм хэт спортсменхэм папщIэ.
ХьэщIэ ныбжьыщIэхэм заригъэплъыхьащ «Царьград» зэгухьэныгъэм и унафэщI
Струговцев Денис Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Алескандр и гъусэу.
НыбжьыщIэхэм Баталпашинскэ къудамэм и къэзакъхэм я тхыдэм, ахэр я
щIыналъэм зэрырагъэIэпхъукIам зыхагъэгъэузащ, Черкесск къалэм и тхыдэм теухуауэ щIэ
куэд къащIащ. Георгий и кавалерхэм я фэеплъым деж Баталпашинскэ къудамэм и
къэзакъхэу Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
НыбжьыщIэхэм зыхагъэгъуэзащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Члисэр XX-нэ
лIэщIыгъуэм зэхэзехуэн зэращIауэ щытам, щоджэн-ветеранхэм я лIыгъэм
зыхагъэгъуэзащ, Хэку зауэшхуэм хэтахэм. ЗыплъыхьакIуэм члисэм щыпащащ.
Сабийхэр теплъэхэм еплъащ, уэзджынэ уапIэм дэкIуеящ. ЗыплъыхьакIуэ
нэужьым шхапIэм шей щефахэщ.
Просмотров: 1182