ИппотерапиемкIэ центрым манеж щаухуэ Псыхуабэ епархием иппотерапиемкIэ и «Целебный Ессентуки» центрым манеж
Псыхуабэ епархием иппотерапиемкIэ и «Целебный Ессентуки» центрым манеж
щаухуэ. ЛэжьакIуэхэм зыхуагъэхьэзыращ фундамент ухуэныгъэм.
УхуэныгъэщIэм и фIыгъэкIэ сабийхэм я гъусэу зыбгъасэ хъунущ икIи
иппотерапиемкIэ чэзур нэхъ мащIэ хъунущ. Иджыпсту центрым ОВЗ узыфэ зыпкъырыт
сабии 180-рэ йокIуалIэ. Абы щыщу 15-р Донбасс къикIащ.
Манеж ухуэныгъэр Сбербанк ПАО-м и дэIэпыкъуныгъэкIэ йокIуэкI, Урысейм и
Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрийрэ Псыхуабэ, Черкесск
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилактрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
Просмотров: 1260