ОНК-м и лIыкIуэхэр Черкесск къалэм и СИЗО-м щыIащ
Черкесск къалэм и СИЗО №1-м тезыр щызрагъэпшынхэм якIэлъыплъыну кIуащ
КъШР-м и ОНК-м хэтхэу Страх Виктор, щоджэн Малютин Геннадий, Липов Денис.
СИЗО-м и унафэщIым и къуэдзэ Шорэ Эльдаррэ цIыхум и хуитыныгъэр
хъумэнымкIэ щIыналъэм и унафэщIым и къуэдзэ Поляковэ Софиерэ я гъусэу, комиссэм
хэтхэр камерэ корпусхэм, IуэхущIапIэм и медицинэ частым щыIащ.
Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ комиссэм хэтхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр
зэрыхуащIэм, я псэукIэм теухуауэ упщIэхэр иратащ. Комиссэм хэтхэм тхьэусыхафэ
къаIэрыхьакъым.
Просмотров: 991