Новопавловск благочиннэр хэтащ жыг гъэтIысыным

Урысей МВД-м Кировскэ къалэ округым щиIэ къудамэм и жэрдэмкIэ, ЦIыхубэ 
зэкъуэтыныгъэмрэ Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэмрэ я махуэхэм Новопавловск къалэм 
Романько и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм жыгыщIэхэр щагъэтIысащ. 
Iуэхум хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Бондаренко Еленэ, Ставрополь 
крайм и губернаторым и лIыкIуэ Новиков Алексей, МВД-м и къудамэм и унафэщI 
Иванников Константин, къалэ округым и Думэм и унафэщI Шейранов Никитэ, Псыхуабэ 
епархием Новопавловск щиIэ округым и щоджэн Гордин Александр, къэзакъхэр, 
IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.

 

Просмотров: 810

Поделиться

VK:39834