Благочиннэр къыщыпсэлъащ щIалэгъуалэм я зэхуэсым

КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкIэ и 
министерствэм и жэрдэмкIэ Романтик къуажэм щызэхэтащ «Межкультурный диалог» 
щIалэгъуалэ зэхуэсыр. 
Пленарнэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ 
коммуникацэхэмрэ печатымкIэ и министр Къумыкъу Альберт, граждан жылагъуэ 
зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ печатымкIэ министр КIурашын 
Анзор, Псыхуабэ епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн 
нэхъыжь Субтельный Евгений, КъШР-м и муфтийхэм я унафэщIым и къуэдзэ Ерчэн 
Мухьэммэд-хьэжы, Кавказ Ищхъэрэ институтым и лIыкIуэхэр. 
ХьэщIэхэм къыхагъэщащ зэпсэлъэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, щэнхабзэ 
хабзэхэр, лъэпкъхэм я щхьэхуэныгъэхэр хъумэныр зэрылъапIэр. Махуищым къриубыдэу 
Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм я 
студент щIалэгъуалэм утыку кърахьащ щIалэгъуалэ политикэм, щэнхабзэм, щIыналъэхэм 
я зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным теухуа я проектхэр.

 

Просмотров: 816

Поделиться

VK:39834