Члисэ музейм ирагъэблэгъащ зыплъыхьакIуэхэр

Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам ирагъэблэгъащ Члисэмрэ къэзакъыгъэмрэ 
я музейм. Абы ящIыгъуащ туристхэр къезышэкIхэр, Кавказым и Минводы щыщIэдзауэ 
Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыпIэ дахэхэм яхутепсэлъыхьхэр. Члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн 
Гурин Алксандр зыубгъуауэ къытеувыIащ музейм щIэлъ хьэпшыпхэм, Кубань 
къэзакъхэм, Черкесск къалэм и тхыдэм къытеувыIэу. 
IэщIагъэлIхэм гулъытэ хуащIащ Архыз Ликым, Кавказскэ къуажэм мэжджытымрэ 
члисэмрэ зэрыщызэпэгъунэгъум. Къуажэм траха сурэт щхъуэкIэплъыкIэр музейм 
щахъумэ. ИужькIэ щоджэным жэуап иритащ къызэхуэсахэм я упщIэхэм. Черкесск и 
Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и музейр Къэрэшей-Шэрджэсым и хьэщIэхэм я дежкIэ 
щIыпIэ нэхъ дахэ хъункIи хъунщ. 

 

Просмотров: 1272

Поделиться

VK:39834