Члисэжьым унагъуэщIэ щаухуащ
Къэрэшей-Шэрджэсым и члисэжьхэм унагъуэ зыухуагъащIэ куэд къокIуалIэ
нэчыхьыр ягъэнэхуну. Аргуэру Лермонтов къалэм щыщ зы унагъуэм зыхуагъэзащ
Псыхуабэ епархием Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэм щиIэ округым и благочиннэ
щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений Шоан бгым тет Георгиевскэ члисэм нэчыхьым и
щэхухэр щрагъэкIуэкIын папщIэ.
Унагъуэ зыухуагъащIэхэм щехъуэхъум, щоджэным ягу къигъэкIыжащ унагъуэр
ефIэкIуэным утелэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, япэщIэкIэ абы жиIащ Тхьэм и
арэзыныгъэр псом зэрынэхъыщхьэр, Шоан бгым щагъуэтар.
Просмотров: 1362