Сабий унэм и гъэсэнхэр Тхьэ елъэIуащ гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу
2022 гъэм шыщхьэуIум и 31-м Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и Усть-Джегуты къалэм и сабий унэм и гъэсэнхэр кIуащ, гъэ еджэгъуэщIэр къызэрыблэгъам папщIэ Тхьэ елъIэуну. ХьэщIэхэр ирагъэблэгъащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэмрэ волонтёрхэмрэ.
Христос и щэхухэм зыхагъэгъуазэри, гъэсэнхэр Тхьэ елъэIуащ гъэ еджэгъуэщIэр зэрырагъэжьамкIэ, члисэ ззэхуэхьэсам и унафэщIым къыбгъэдэкIыу саугъэтхэр къратащ – Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.
КъыкIэлъыкIуэу гъэсэнхэм ирагъэлъэгъуащ музейм щIэлъ хэпшыпхэр, хьэщIээм епсэлъащ тхьэлъэIум, фIэщхъуныгъэр цIыхубэм яхэзыхьахэм я гъащIэр я щапхъэу, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэуахэм. Шэджэгъуашхэ нэужьым волонтёррхэм къабгъэдэкIыу саугъэтхэр иратащ.
Просмотров: 1112