УнафэщIыр школым и духовнэ зэпсэлъэныгъэ сыхьэтым къэкIуащ
2022 гъэм гъатхэпэм и 22-м Коммаяк къуажэм и школ №7-м и 4 классым щекIуэкIащ «Душа начинается с книги» духовнэ зэпсэлъэныгъэр. Новосредненскэ къуажэм и члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Кручев Михаил еджакIуэхэм епсэлъащ Тхьэнапищым, ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджэным и мыхьэнэм теухуауэ. Сабийхэр тепсэлъыхьащ фIыуэ ялъагъу тхылъхэм, «Аз, буки, веди» таурыхъым еплъащ, урыс усакIуэхэм я усэхэм къеджащ, библиотекэм уэрэд щыжаIащ. Зэхыхьэм и фэеплъу еджакIуэхэм закладкэхэр зым адрейм тыгъэ хуащIащ.
Просмотров: 1322