КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек чристэнхэм ехъуэхъуащ Христос и Хъуромэ махуэшхуэмкIэ
КъБР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъур къыщыхьащ РИА Кабардино-Балкария сайтым:
«Си гум къыбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и чристэнхэм сынывохъуэхъу Христос и Хъуромэ махуэшхуэмкIэ!
Мы махуэшхуэм дунейр нэхъри егъэнэху, гуфIэгъуэ къыхуехь, цIыхухэм гугъэфIхэр ярет. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм исхэр абы къызэщIеубыдэ, духовнэ
лъапIэныгъэхэм – гъунэгъур фIыуэ лъагъуным, гуапагъэм къыхуреджэ. Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чристэн зэгухьэныгъэм нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм я гъусэу духовнэ узыншэу жылагъуэр щытыным хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI. Псом хуэмыдэу пщIэ хуэныкъуэщ унагъуэр гъэбыдэныр, лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэныр, республикэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ щызекIуэныр.
Быдэу си фIэщ мэхъу чристэн члисэхэм дяпэкIи жылагъуэм и узыншагъэм гулъытэ зэрыхуищIынур, лъэпкъ тхыдэ, щэнхабзэ хабзэхэр хъумэным зэрытригъэщIэнур.
Си гуми си псэми къыбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм сынывохъуэхъу узыншагъэ, насып, ехъулIэныгъэ фиIэну, фи гугъапIэхэр къывэхъулIэну», - щыжыIащ тхыгъэм.
Просмотров: 904