Класс сыхьэтыр траухуащ Достоевскэм и творчествэм
КъБР-м и Прохладнэ къалэм и школ №102-м и епщыкIузанэ классым щIэсхэм я класс сыхьэтым ирагъэблэгъащ Покров члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений. Щоджэныр школыр къэзыуххэм хутепсэлъыхьащ Достовескэм и творчествэм. Зэхыхьэр траухуащ 2021 гъэм и юбилей зэхыхьэхэм: тхакIуэр къызэралъхурэ илъэс 200 зэрырикъумрэ ар дунейм зэрехыжрэ илъэси 140-рэ зэрыхъумрэ.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэр къытеувыIащ Федор и творчествэр нобэрей зэманми зэрыпэджэжым. Щоджэныр епщыкIузанэ классым щIэсхэм яхутепсэлъыхьащ «Бесы», «Преступление и наказание» романхэм.
Апхуэдэу хьэщIэр IущIащ школым и унафэщI Бутеневэ Наталье. Ар тепсэлъыхьащ къалэм и школхэм ящыщ зым и тхыдэм. Евгений къыхигъэщащ егъэджэныгъэ IэухущIапIэхэм зэрадэлэжьэнур.
Просмотров: 1041