«Анэхэм папщIэ унэм» школым зыхуеинухэр зэрыщызэхуахьэсымкIэ хъыбар фегъащIэ
КъэрэндащыщIэхэм, краскэ щхъуэкIэплъыкIэхэм, тетрадхэм я мэхэм, дауи, рюкзак дахэм – нэхъ саугъэтыфI фокIадэм и I-м бгъуэтыну?! Гъэмахуэр псынщIэу йокI: мазитIы къудей школакIуэхэр партэм тIысыжынум къанэр! Япэ классым кIуэнухэм я дежкIэ ар махуэ къызэрыгуэкIкъым! Сабийхэр насыпыфIэ тхуэщIынущ! Анэхэм папщIэ унэ IуэхущIапIэм щыIэхэм сабий 60 яхэтщ мы гъэм я пэу япэ классым кIуэну, еджакIуэ 600-м щIигъур унагъуэ хуэмыщIахэм, бынунагъуэшхуэхэм ящыщщ икIи дэтхэнэри гулъытэ, ди дэIэпыкъуныгъэ хуейщ. Iэмэпсымэхэр, тетрадхэр, рюкзакхэр… балигъхэм папщIэ – зырикIщ, сабийхэм я дежкIэ – дуней псощ, «щIэныгъэм и къалэр» яфIэгъэщIэгъуэну зыIэрагъэхьэн папщIэ!
Iуэхум фыкъыпэджэжыну зыфхудогъазэ дэIэпыкъуэгъу хъуфынухэм!
Телефоныр: 89197569311
Нэхъ зыхуэныкъуэхэр:
Тетрадхэр
Къалэмхэр
Къэрэндащхэр
Линейкэхэр
Альбомхэр
Краскэхэр
Кистхэр
Фломастерхэр
ТхылъымпIэхэр
Картонхэр
Пеналхэр
Портфелхэр
Просмотров: 2937