Щоджэнымрэ имамымрэ жэуап иратащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я упщIэхэм

КъБР-м и Прохладнэ къалэм и дзэ часть 31681-м командирым и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Андреев Евгенийрэ раис-имам Нэгъуей Муратрэ жэуап иратащ фIэщхъуныгъэ зиIэ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм. УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ я пщыхьэщхьэм щыпащащ хухаха пIалъэм фIэкIауэ. ЩIыналъэм и дин нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэм духовнэ гъащIэм теухуа я упщIэхэм жэуап иратащ. Чристэн, муслъымэн динхэм я лIыкIуэхэм я зэгъусэ зэIущIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым фIэщхъуныгъэ зиIэ и гуп зэмылIэужьыгъуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ.

Просмотров: 1665

Поделиться

VK:39834